13 ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.
Абы ирихьэлӀэу я нэхэр къэплъэжри, зэры-Хьисэр къацӀыхужащ. КъацӀыхужа нэужь, Хьисэ бзэхыжри, ялъагъужакъым.
Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуаку дэкӀри ежьэжащ.
– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?
Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.
– «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къыбжезыӀар хэт хъуну? – жаӀэри еупщӀащ.
А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.