Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 5:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 5:10
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.


Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур сыт щӀэфщӀэр?


Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.


Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.


Фарисейхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур мыбыхэм щхьэ ящӀэрэ?


Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.


Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?


ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.


Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?


Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,


– Сэ сызыгъэхъужам «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къызжиӀащ, – къажриӀэжащ а лӀым абыхэм.


А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ