54 Иудейм къикӀыжу Галилейм къыщыкӀуам, етӀуанэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу Хьисэ къигъэлъэгъуар аращ.
Хьисэ Галилей хэкум къыщыкӀуэм, абы ис цӀыхухэм ирагъэблэгъащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр махуэшхуэм Ерусалим щыӀати, а махуэхэм Хьисэ абы щилэжьа псори щалъэгъуат.
Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.
Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.