Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 4:53 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

53 Ар къыщыжраӀэм, Ӏэтащхьэм игу къэкӀыжащ и къуэм плъыржьэрыр щыщхьэщыкӀар «Уи къуэр псэунущ» жиӀэу Хьисэ къыщыжриӀэгъа сыхьэт дыдэм зэрытехуэр. Езыми езым и унагъуэми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абы и ужькӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 4:53
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ.


Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.


Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр езым и унэм щӀишэри, игъэшхэну Ӏэнэ къахуищтащ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ езыри и унагъуэри гуфӀащ.


Уэрэ уи унагъуэм исхэмрэ фымыкӀуэду фыкъезыгъэлыну псалъэхэр абы къыбжиӀэнущ».


Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.


Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.


Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.


– Сыхьэтыр дапщэм деж нэхъыфӀ хъууэ щыщӀидзар? – еупщӀащ абыхэм Ӏэтащхьэр. – Дыгъуасэ шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр зым деж плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ, – къыжраӀащ унэӀутхэм.


Ӏэтащхьэр кӀуэжу гъуэгу здытетым, абы и унэӀутхэр къыпежьэри къыжраӀащ: – Уи къуэр псэунущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ