43 А махуитӀыр дэкӀа нэужь, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, Галилей хэкум кӀуащ;
Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.
Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.
Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът.
Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)
бегъымбарым езыр щапӀа къалэм щӀыхь къызэрыщыхуамыщӀыр Хьисэ и нэгу щӀэкӀати.