Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 4:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Хьисэ и псалъэхэр щызэхахым, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъыбэж хъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 4:41
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ.


Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.


Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.


Члисэ зэхуэсым щыщхэр Паулрэ Варнавэрэ ядэкӀуатэри, гъуэгу трагъэхьащ. Паулрэ Варнавэрэ Финикиемрэ Самариемрэ кӀуэцӀрыкӀащ. ЩыкӀуэцӀрыкӀым, хамэ лъэпкъ щыщхэр Тхьэм и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр къуэш псоми хуаӀуэтэжри, ахэр хуабжьу ягъэгуфӀащ.


– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти.


БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.


– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ