40 Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.
Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.
Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.
Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.
Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.
– СутӀыпщ сэ, пшэплъ къищӀащ, – жиӀащ адрейм. – УзутӀыпщынукъым, Уэ уи нэфӀ къысщымыхуауэ, – жиӀащ Екъуб.
Мэрием и цӀэу шыпхъу иӀэт а цыхубзым. Ар Зиусхьэным и псалъэхэм едаӀуэу, абы и лъапэм тест.
А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ.
Хьисэ и псалъэхэр щызэхахым, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъыбэж хъуащ.
А махуитӀыр дэкӀа нэужь, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, Галилей хэкум кӀуащ;
А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.