39 А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ.
– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?
КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут.
Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр щалъагъум, Мэрием деж къэкӀуа журтхэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.
А апостол пщыкӀутӀыр щригъажьэм, мыпхуэдэ унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – Хамэ лъэпкъхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум щыщ къалэ гуэри фыдэмыхьэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ.
Къалэм къыдэкӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ цӀыхухэр.
Фэ гугъу фызыдемыхьа гъавэр Ӏуфхыжыну фызгъэкӀуащ. А гъавэм нэгъуэщӀхэр гугъу дехьащ, ауэ фэри абыхэм я Ӏуэхум фыхыхьащ.
Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ.