Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 4:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 4:36
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.


Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.


Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.


ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?


ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ.


Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.


– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.


Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ