31 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.
Хьисэ къызэплъэкӀри, ахэр езым и ужь иувауэ щилъагъум, яжриӀащ: – Сыт фэ фызыхуейр? – Равви, дэнэ ущыпсэур? – къеупщӀащ ахэр. (Раввим къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэщ».)
ИтӀанэ хуагъэуващ абы шхын; ауэ абы жиӀащ: – Сышхэнукъым си Ӏуэхур къэзмыӀуатэу. – КъэӀуатэ, – жаӀащ мыдрейхэм.
ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.
Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.
Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.
Равви, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Шэтырищ дгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.
Хьисэ и псалъэр игу къэкӀыжри, Петр абы къыжриӀащ: – Равви, еплъ, узэбга ахъуо жыгыр гъуащ.
Иудэ къыщысым, Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, «Равви», жиӀэри ба къыхуищӀащ.
– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.
Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.
И гъуэгу ирикӀуэхэр и деж къакӀуэри, Иуан къыжраӀащ: – Равви, еплъ, Иорданыпсым и адрыщӀым уэ узигъуса икӀи щыхьэт узытехъуа лӀым цӀыхухэр щеумэхъ икӀи цӀыху псори абы и деж къокӀуэ.
Къалэм къыдэкӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ цӀыхухэр.
Хьисэ яжриӀащ: – Фэ фи мынэӀуасэ шхыныгъуэ сиӀэщ.
Хьисэ гуэлым и адрыщӀым къыщагъуэтым, жраӀащ: – Равви, сыт щыгъуэ уэ мыбы укъыщыкӀуар?
И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?
Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.