28 А цӀыхубзым и кхъуэщыныр къигъанэщ, къалэм дыхьэжри, цӀыхухэм яжриӀащ:
Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ. Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ.
Асыхьэтым ахэр къэтэджыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ. Апостол пщыкӀузымрэ я гъусэхэмрэ зэхуэсыжауэ ӀущӀэжащ.
ЦӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузымрэ адрей я гъуса псомрэ а Ӏуэхугъуэ псори хуаӀуэтэжащ.
Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.
Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.
– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?