26 – А жыхуэпӀэр сэращ, иджыпсту къопсалъэрщ, – жриӀащ Хьисэ абы.
«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.
Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.
Си ахъшэм сэ сызыхуейр есщӀэну сыхуитыжкъэ? Хьэмэ уэ уфыгъуэрэ сэ сызэрыхьэлэлым щхьэкӀэ?»
Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.
Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.
– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.