24 Тхьэр псэщ, абы елъэӀухэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи щыпкъагъэкӀи елъэӀун хуейщ.
Зиусхьэныр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ, ар здэщыӀэми щхьэхуитыныгъэри щыӀэщ.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.
Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.
Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.