Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 4:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 4:23
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.


Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ:


– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.


– Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ.


Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ