18 – Уэ щхьэгъуситху уиӀащ, иджы уиӀэр уи щхьэгъусэкъым. А къыжыпӀар пэжщ.
Фызри и лӀым бгъэдэкӀыжу нэгъуэщӀ лӀым дэкӀуэжмэ, абыи зинэ ищӀауэ мэхъу.
Аращи, и лӀыр псэууэ, фызыр нэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэпсэумэ, зинэ ищӀауэ арщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, а унафэм фызым тепщэныгъэ хуиӀэжкъым. НэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэкӀуэжмэ, зинэ ищӀауэ къикӀыркъым.
Ауэ Симеонрэ Лэуийрэ жаӀащ: – АтӀэ ди шыпхъум лей ирах хъунут, къэхьпэм хуэдэу!?
Ар къилъэгъуащ а щӀыналъэм ипщ хъыу лъэпкъым щыщу Хамор и къуэ Щэхэм, ар иубыдри здигъэгъуэлъащ, леи кърихащ.
Тхьэр Абимэлэх жэщым, пщӀыхьым хэту, къыхуэлъагъуэри къыжриӀащ абы: – УлӀэнущ уэ къэпщта бзылъхугъэм щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ абы лӀы иӀэщ.
Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.
– Щхьэгъусэ сиӀэкъым, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Щхьэгъусэ узэримыӀэр пэжу жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ цӀыхубзым.
– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
– КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ.