16 – КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ.
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
– Уэ щхьэгъуситху уиӀащ, иджы уиӀэр уи щхьэгъусэкъым. А къыжыпӀар пэжщ.
Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)
– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псы сыхуэмылӀэжыну, псыхьи сыкъэмыкӀуэжыну а псым щыщ къызэт.
– Щхьэгъусэ сиӀэкъым, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Щхьэгъусэ узэримыӀэр пэжу жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ цӀыхубзым.