Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 3:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 3:36
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Мэссихь жорым лъыуэ щыщӀэкӀам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыхъуам щхьэкӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу Мэссихь Тхьэм и губжьым дыкъыӀэщӀихыжынущ.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.


Абыхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ язот, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынукъым. Ахэр зыми сӀэщӀихын хузэфӀэкӀынукъым.


– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».


Бзаджагъэ жыпӀэну, уи жьэ зэтыбох, уи бзэгум хьилагъэхэр къепсэлъ.


Сыту жыпӀэмэ лъапсэншэ хъунущ цӀыху бзаджэхэр, Зиусхьэным щыгугъхэм ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм уэ щыбгъэхьэзырауэ, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур си нэхэмкӀэ слъэгъуащи.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ.


Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.


ИтӀанэ «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым», жиӀэу, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ ар игъэпэжурэ, зыжриӀар хэт? ЕдэӀуэн зымыдахэракъэ?


Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ