29 НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ.
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.
Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт.
Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.
Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.
Тхьэм къыбгъэдэкӀ ефыгъулӀэныгъэкӀэ сэ сынывофыгъулӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ хъыджэбз къабзэм хуэдэу лӀы закъуэу Мэссихь и пащхьэм физгъэхьэу, абы фыдэкӀуэну фыкъыхезгъэшащ.
Унэм къыщыкӀуэжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, сфӀэкӀуэда мэлыр къэзгъуэтыжащ».
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.
Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.
– Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.
Ар нэхъ ин хъун хуейщ, сэ нэхъ цӀыкӀу сыхъун хуейщ.
Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.