Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 3:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 3:23
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


Екъуб Паддан-Арам къикӀыжри, бэӀутӀэӀуншэу къэсащ Ханаан щӀыналъэм ит Щэхэм къалэм, икӀи щытӀысащ къалэ гупэм деж.


ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу, ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр зэриӀэр къигъэнэхуащ.


Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт.


И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.


А зэманым Иуан лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ