22 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.
И гъуэгу ирикӀуэхэр и деж къакӀуэри, Иуан къыжраӀащ: – Равви, еплъ, Иорданыпсым и адрыщӀым уэ узигъуса икӀи щыхьэт узытехъуа лӀым цӀыхухэр щеумэхъ икӀи цӀыху псори абы и деж къокӀуэ.
Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.
Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ.
Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.