Иуан 3:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр15 езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэ зыми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.