Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 21:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэм Петр жриӀащ: – Мыр Зиусхьэныращ. Ар зэры-Зиусхьэныр щызэхихым, Симон Петр и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихати, ар зришэкӀыжри, псым зыхидзащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 21:7
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.


Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.


Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ: – Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыращ мы Ӏуэхухэм щыхьэт ятехъуэри ахэр зытхари. Абы и щыхьэтыгъэр зэрыпэжыр дэ дощӀэ.


Петр къыщызэплъэкӀым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр я ужь зэритым гу лъитащ. А лӀыращ пщыхьэщхьэшхэм щыгъуэ Хьисэ бгъэдэсу Ӏэнэм здыпэрысыр къеупщӀыгъар: «Зиусхьэн, тепщэныгъэ зиӀэхэм хэт уезыгъэубыдынур?» – жиӀэу.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.


Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр.


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


«Сыт фщӀэр?» жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр абы хуейщ», жефӀи, ар къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэту.


Сэ сагъэбийуэ, зэрыгъэӀущыжауэ, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэхэсщ; хабзэу бгъэувахэм сэ, уи ӀурыщӀэр, согупсыс.


Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ.


Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


Ар жиӀэри, и Ӏэхэри и джабэри къаригъэлъэгъуащ. Зиусхьэныр щалъагъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр гуфӀащ.


– Фи цеикӀэхэр дэупщӀауэ, фи уэздыгъэхэр щӀэгъэнауэ, хьэзыру фыщыт.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм бдзэжьей зэрылъ хъыр къыздалъэфурэ, кхъуэфэжьейкӀэ къэсащ. Ахэр псы Ӏуфэм пэжыжьэтэкъым, ӀэфракӀэ щитӀым хуэдиз къудейт зэрыӀукӀар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ