Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 21:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 – ФыкъакӀуи, пщэдджыжьышхэр фышхэ, – яжриӀащ Хьисэ. «Уэ хэт ущыщ?» жиӀэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ зыри абы еупщӀыну тегушхуакъым. Ар зэры-Зиусхьэныр къащӀат.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 21:12
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм ар цӀыху псоми яригъэлъэгъуакъым, Тхьэм ар зригъэлъэгъуар нэхъапэм къыхиха щыхьэтхэращ. Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, езым дефэу, дешхэу щытар дэрщ Тхьэм ар зригъэлъэгъуар.


Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?


Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ: – Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ? – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ.


Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.


Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.


Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.


Хьисэ зы псалъэ къыпидзыжын зыми лъэкӀакъым. Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым а махуэм щыщӀэдзауэ.


Симон Петр кхъуафэжьеймкӀэ кӀуэри, бдзэжьей инхэр зэрыз хъыр псы Ӏуфэм кърилъэфэлӀащ. Хъым илъа бдзэжьейхэр щэрэ тхущӀрэ щырэ хъурт. Апхуэдиз илъа пэтми, хъыр итӀани зэфӀэтхъакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ