Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 20:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 20:9
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ, жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.


Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.


– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?


– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.


Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ