8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ;
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ: – Зиусхьэныр тлъэгъуащ. – ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.
А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ.
– Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.
– Ахъуо жыгым и щӀагъым ущӀэту услъэгъуащ зэрыбжесӀам щхьэкӀэ, уи фӀэщ хъуащ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныщи плъагъунущ.
– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.