Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 20:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 20:2
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.


Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ: – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыращ мы Ӏуэхухэм щыхьэт ятехъуэри ахэр зытхари. Абы и щыхьэтыгъэр зэрыпэжыр дэ дощӀэ.


И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэм Петр жриӀащ: – Мыр Зиусхьэныращ. Ар зэры-Зиусхьэныр щызэхихым, Симон Петр и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихати, ар зришэкӀыжри, псым зыхидзащ.


Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ: – Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!


Петр къыщызэплъэкӀым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр я ужь зэритым гу лъитащ. А лӀыращ пщыхьэщхьэшхэм щыгъуэ Хьисэ бгъэдэсу Ӏэнэм здыпэрысыр къеупщӀыгъар: «Зиусхьэн, тепщэныгъэ зиӀэхэм хэт уезыгъэубыдынур?» – жиӀэу.


– ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – къыжриӀащ Хьисэ. – Хэт узылъыхъуэр? Мэрием, ар жыг хадэр зыгъэкӀ лӀырауэ къыфӀэщӀри, абы жриӀащ: – Зи щӀыхь ин, ар щӀэзыхар уэрамэ, здэпхьар къызжеӀи, сэ ар къэсхьыжынущ.


сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ