12 мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.
Ауэ зи щыгъынхэр зымыуфӀея цӀыху гуэрхэр Сардис къалэм щыфщӀыгъущ. Щыгъын хужьхэр ящыгъыу къыздэкӀуэнущ ахэр, абыхэм апхуэдэ щӀыхь яхуэфащэщи.
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.
Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.
Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.