20 – Мы тхьэ унэр илъэс плӀыщӀрэ хыкӀэ ящӀащ, – жаӀащ журтхэм, – уэ ар махуищкӀэ зэтебгъэувэжыфынуи?
Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,
Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжри, ежьэж щыхъум, Тхьэм и унэшхуэм хэт унэхэр ирагъэлъагъуну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэхуэу къыбгъэдыхьащ.
Мывэ дахэхэмкӀэ икӀи тыгъэу цӀыхухэм Тхьэм хуащӀамкӀэ Тхьэм и унэшхуэр екӀуу гъэщӀэрэщӀауэ зэрыщытым цӀыху гуэрхэр щытепсэлъыхьым, Хьисэ жиӀащ: