2 Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ.
Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.
Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым. Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.
Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.
Фадэр щаухым, анэм Хьисэ жриӀащ: – Санэ яӀэжкъым.
И анэри, и къуэшхэри, и гъуэгу ирикӀуэхэри и гъусэу, Хьисэ Капернаум къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ. Махуэ зыщыплӀкӀэ щыӀащ а къалэм.
«Уэ уи унэм сызэрыфӀэлӀыкӀым щхьэкӀэ согузавэ» псалъэхэр Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягу къэкӀыжащ абдежым.
Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.
(Ахэр зыумэхъыу щытар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр арщ, езы Хьисэкъым.)
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ.
Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Симон Петр и къуэш Индрис жиӀащ:
ЦӀыхухэм зыщагъэнщӀым, Хьисэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Зыри хэмыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуэфхьэсыж.
Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр псы Ӏуфэм Ӏухьащ.
Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэд и гъуэгу текӀыжри, и гъусэн ядэжакъым абы къыщыщӀэдзауэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым яжриӀащ: – Фэри фызбгъэдэкӀыжыну фыхуей?
– Фэ цӀыху пщыкӀутӀыр си гъуэгу фрикӀуэну сэ фыкъыхэсхакъэ? Апхуэдэу щыт пэтми, фэ фщыщу зыр жин бзаджэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ жыхуиӀар Симон Искариот и къуэ Иудэр арщ. А Симон Искариотыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщ пэтми, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну хэтт.
Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.
Члисэ зэхуэсым щыщхэм я гъусэу зэхуэсурэ, цӀыху куэдым Тхьэм и псалъэхэр илъэс псокӀэ яригъэщӀащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм «чыристанкӀэ» еджэ япэ дыдэ щыхъуар Антиохиерщ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ.