14 Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, выхэр, мэлхэр, тхьэрыкъуэхэр зыщэхэри, ахъшэ зыхъуэжхэри Ӏэнэхэм пэрысу абы щӀилъэгъуащ.
Ерусалим нэсащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри къыщӀихуу щӀидзащ. Ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.
ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.
КӀапсэм щӀопщ къыхищӀыкӀри, еуэурэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт псори, выхэри мэлхэри я гъусэу, къыщӀихуащ. Ахъшэ зыхъуэжхэми я Ӏэнэхэр щхьэпридзащ, я ахъшэхэри ирикъухьащ.