7 Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.
Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.
ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
А псалъэхэр щызэхихым, Пилат хуабжьу къэшынащ.
– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.