10 – Уэ укъызэпсэлъэну ухуэмейуэ, ара? – жриӀащ Пилат Хьисэ. – УзутӀыпщыжынуи жорым урезгъэӀулӀынуи лъэкӀыныгъэ зэрызиӀэр пщӀэркъэ?
Ауэ лъэхъуэщым щӀэс гуэр Ӏутыж мэхуэшхуэ къэс къыфхуэзутӀыпщыжу фи хабзэщ. Аращи, «Журтхэм я пащтыхьу» жыхуаӀэр къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей?
Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.
– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.