32 Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.
Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,
– ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.
икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.
Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.
– Мис, дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей иджы, – жиӀащ абы. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ щаӀэщӀыхьэнущ абы. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ икӀи хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ ар.
Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».
ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!
– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.
Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.
– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».
– Фшэжи, фи хабзэм тету, ищӀам хуэфащэу хьэкум тефщӀыхь, – яжриӀащ Пилат. – Дэ зыгуэрым укӀ тетлъхьэну дыхуиткъым, – къыжраӀащ журтхэм Пилат.
Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур, Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь: – Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ.