Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 18:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 18:18
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс кӀэлъыкӀуащ. МафӀэм зригъэууэ, Петр хъумакӀуэхэм яхэст.


Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху. – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.


Псы Ӏуфэм къыщысым, фӀамыщӀ мафӀэр зэщӀэгъэнауэ, абы бдзэжьей пэрылъу, щӀакхъуи бгъэдэлъу ялъэгъуащ.


Петр мафӀэм зригъэууэ щилъагъум, еплъри къыжриӀащ: – Назарет щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.


Гъуэгу махуэ теуващ цӀыху бзаджэнаджэхэм емыдаӀуэр, гуэныхьыщӀэхэм я гъуэгу иримыкӀуэр, Тхьэр зыгъэпудхэм я зэӀущӀэ хэмысыр.


Абыхэм я чэнджащэ сыхыхьэркъым, я зэхуэсым сыхэлажьэркъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжькӀэ, цӀыху яукӀ, езыхэм я щхьэзыфӀэфӀыгъэкӀэ зэпаупщӀ танэм и хуэхэр.


Аращи, цӀыхухэм зыкъевмыгъэгъапцӀэ: Ныбжьэгъу Ӏейхэм цӀыху щэныфӀэр ягъэкӀуэд.


Петррэ Иуанрэ къыщаутӀыпщыжым, я гъусэхэм деж ягъэзэжри, дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ къыжраӀар яӀуэтэжащ.


Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.


Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ