13 Аннэ зи цӀэм деж яшащ япэщӀыкӀэ. Аннэ а илъэсым и дин пашэшхуэу Кайафэ зи цӀэм и щыкъу адэт.
Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.
Ар езыр-езыру къыжиӀакъым, атӀэ а гъэм дин пашэшхуэу щытти, Хьисэ и псэр журт лъэпкъым щхьэкӀэ зэритынур Тхьэм абы игу кърилъхьэри къыжригъэӀащ.
Аннэрэ Кайафэрэ дин пашэшхуэт. А махуэхэращ Зэчрей и къуэ Иуану губгъуэ нэщӀым щыпсэууэ щытам Тхьэм и псалъэхэр къыщыхуехар.
Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж.
Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.
Дин пашэшхуэ Аннэ* зи цӀэр абы щыӀэт, абы нэмыщӀкӀэ Кайафэ, Иуан, Александр, дин пашэшхуэм и унагъуэм щыщу нэгъуэщӀ лӀыхэри абы щӀэст.
Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу щыт Кайафэ зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ: – Фэ зыри фщӀэркъым.
Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.
– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.