Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 18:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 18:12
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.


Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж.


ЗауэлӀхэм Паул быдапӀэм яшэн хуей щыхъум, Паул дзэпщым жриӀащ: – Зыгуэр ныбжесӀэну хуит сыкъэпщӀын? – Алыджыбзэ пщӀэрэ? – къеупщӀащ ар.


Паул яукӀыну щыхуежьэм, Ерусалим зэрыщыту зыкъызэраӀэтам и хъыбарыр рим дзэпщым деж нэсащ.


Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ.


Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат ӀэщӀалъхьащ.


Хьисэ дин пашэшхуэм деж яшащ икӀи адрей дин пашэшхуэ псори, нэхъыжь псори, торэт егъэджакӀуэ пашэ псори абдежым къыщызэхуэсащ.


Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.


Нэсащ Тхьэм жыхуиӀа щӀыпӀэм; щиухуащ абдежым Ибрэхьим къурмэнщӀыпӀэ, трилъхьащ пхъэр, икӀи и къуэ Исхьэкъ ипхри, трилъхьащ ар къурмэнщӀыпӀэм, пхъэхэм я щӀыӀукӀэ.


Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.


Пщэрылъу къэпщӀахэм я гъуэгур къэсщӀэну къызгурыгъаӀуи, уи Ӏуэху щӀагъуэхэм сегупсысынщ.


Иритащ ахэр щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм, Исуф зрадза хьэпсым.


Арати, Пилат Ӏэтащхьэм и зауэлӀхэм Хьисэ преторие зи цӀэ унэшхуэм щӀашащ, адрей къэна зауэлӀ гупышхуэри Хьисэ ихъуреягъкӀэ щызэхуашэсащ.


Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ