10 Симон Петр джатэ иӀыгъти, ар кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэлъэтащ. А унэӀутым и цӀэр Малхт.
Абдежым щытхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, абы и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэлъэтащ.
Дин пашэшхуэм и унэӀутхэм ящыщу зи тхьэкӀумэ Петр къыпигъэлъэтам и благъэ гуэрым жиӀащ: – А лӀым уригъусэу жыг хадэм ущыслъэгъуакъэ?
– Зиусхьэн, сэ уи гъусэу лъэхъуэщым сыкӀуэнуи лӀэныгъэм сыӀущӀэнуи сыхуэхьэзырщ, – къыжриӀащ Симон Хьисэ.
– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.