4 Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.
Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ: – Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ. И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.
Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.
Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.
Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.
Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.
– Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ.
– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.
Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.
И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.