Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 17:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 17:23
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ сэ фӀыуэ сызэрыфлъэгъуам, Тхьэм сызэрыщыщымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, езы Адэ лъапӀэми фӀыуэ фыкъелъагъу.


Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.


ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.


Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Псом япэрауэ, фӀылъагъуныгъэр фи гум ивгъэлъ. ФӀылъагъуныгъэращ зыуэ фыщытыну икӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъуну фэ псори фызэзыпхыр.


Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.


– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Мэссихь и Ӏуэхухэм теухуауэ щыщӀагъэ зимыӀэ цӀыху нэгъэса хъуауэ дэ тщыщу дэтхэнэри апхуэдэу гупсысэн хуейщ. Ӏуэху гуэрым теухуауэ нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ фиӀэмэ, Тхьэм ари нахуэ къыфхуищӀынущ.


Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи.


Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.


Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ.


Ауэ си Адэм и Ӏуэхухэр злэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ фимыӀэми, а ӀуэхухэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэри Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри къэфщӀэнущ итӀанэ икӀи къывгурыӀуэнущ.


– Адэ лъапӀэм сэ фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу, сэри фэ фӀыуэ фыслъэгъуащ. Си фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ.


ФыкъэдаӀуэ, шейтӀаным и зэхуэсым щыщу, пцӀы зыупсу, журткӀэ зэджэж мыжуртхэр – ахэр сэ къэзгъэкӀуэнурэ, фи пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щызгъэтӀысынущ, фӀыуэ фызэрыслъагъури ящӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ