22 Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ:
Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.
Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.
Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.
Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ ягъэува лъабжьэм фытетщ. Езы Мэссихь Хьисэращ унэр зэтезыӀыгъ лъабжьэ мывэ нэхъыщхьэр.
Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.
Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.
Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, тӀурытӀурэ иригъажьэу щӀидзащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ.
Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.
Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.
– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.
Си Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, си Ӏэнэм фыбгъэдэсу фышхэнущ икӀи фефэнущ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум ятефщӀыхьынуи тахътэхэм фытетӀысхьэнущ.
А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.
Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.
МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.
Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.
Къемэтмахуэм гушхуэныгъэ диӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ, Мэссихь зэрыщытым хуэдэу, дэри мы дунейм дыщыщытщи.