14 Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.
Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым.
– Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым.
Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.
ШейтӀаным и бынхэм ящыщу Каин зи цӀэу зи къуэш зыукӀыжам хуэдэ фымыхъу. Сыт абы и къуэшыр щӀиукӀыжар? Езым илэжьа Ӏуэхугъуэхэр бзаджагъэу, и къуэшым илэжьахэр захуагъэу щытти, аращ.
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Си къуэшхэ, мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъумэ, фымыгъэщӀагъуэ.
– ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ.