Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 16:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыщыкӀуэкӀэ, гуэныхь щӀэныр зыхуэдэри, щыпкъагъэр зыхуэдэри, Тхьэм мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьынури захригъэщӀыкӀынущ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 16:8
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».


Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм: – Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?


Тхьэм езым и псалъэу фигухэм кърилъхьэр фэ псоми къыжыфӀэ щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэр е а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыху гуэр фи зэхуэсым къыхыхьэмэ, фэ псоми къыжыфӀэ псалъэхэм зэхрагъэщӀыкӀынущ гуэныхьыщӀэ цӀыхуу зэрыщытыр, и гум илъри ягъэунэхунущ.


Ар щызэхахым, ягукӀэ загъэкъуаншэурэ, я нэхъыжьхэр япэ иту, зыр зым и ужь иту, псори ӀукӀыжащ. Хьисэ и закъуэу къэнащ, цӀыхубзри утыкум къинащ.


Сэ гуэныхь сщӀауэ фэ фщыщ гуэрым сигъэкъуэншэн лъэкӀыну? ЩӀыпкъагъэр жысӀэ пэтми, жысӀэр фи фӀэщ щӀэмыхъур сыт?


Пэжыр вжызоӀэ, сэ сызэрыфхэкӀыжыр фэркӀэ нэхъыфӀщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыфхэмыкӀыжмэ, фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуэкӀуэнукъым. Сэ сыщыкӀуэжкӀэ, ар къыфхуезгъэхынущ.


сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрымыхъуар зэрыгуэныхьыр абыхэм захригъэщӀыкӀынущ;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ