4 А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.
Мы Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ вжесӀащ, къыщыхъукӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ.
Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.
– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм нэщӀын ялъэкӀыну? Хьэуэ, щауэр я гъусэху, абыхэм нэщӀын ялъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.
Куэд дэмыкӀыу си псэр си пкъым зэрыхэкӀыжынур сощӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къызэрызгуригъэӀуам хуэдэу.
Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.
ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.
Абыхэм ятхар а Ӏуэхухэм щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ зи нэкӀэ зылъэгъуахэмрэ Тхьэм и псалъэхэм хуэлажьэхэмрэ къызэрытхуаӀуэтэжам тетщ.
Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ?