30 – Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.
– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Хьисэ ар щыжиӀэм, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – «Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» икӀи «Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ» жыхуиӀэм сыту пӀэрэ къригъэкӀыр?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъу. Абы илэжь псори езым и Къуэм кърегъэлъагъу, мы Ӏуэхухэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэхэри къригъэлъагъунущ и Къуэм, флъэгъумэ фымыгъэщӀэгъуэн флъэмыкӀыну.
Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.
– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
А махуэм Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ фелъэӀунущ. Фэ фтеухуауэ Адэ лъапӀэм селъэӀуну вжесӀэркъым;
– ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуа иджы? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.