23 А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.
ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ.
– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;
А махуэм Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ фелъэӀунущ. Фэ фтеухуауэ Адэ лъапӀэм селъэӀуну вжесӀэркъым;
Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.
Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.
Зиусхьэн, – жриӀащ Фомэ Хьисэ, – уздэкӀуэр тщӀэркъым. УздэкӀуэм и гъуэгур дауэ къэтщӀэн зэрытлъэкӀынур?
Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?
– Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.
Иудэ (Иудэ Искариот зи цӀэр аркъым) Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дунейм и цӀыхухэм уэ зыумыгъэлъагъуу, дэ зыкъэдбгъэлъагъуну жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур?