12 – Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.
Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи.
Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яжриӀащ Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар куэдкӀэ, зэхащӀыкӀын зэралъэкӀынум хуэдэу.
Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.
Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.
Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.