Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 16:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 16:11
34 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,


Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ.


ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.


цӀыхухэр яумэхъыным теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.


– Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Сэ нывжызоӀэ, цӀыхухэм жаӀэ дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм деж Тхьэм жэуап иратыжын хуей хъунущ;


«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар. Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ. Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ, хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.


Уи ӀурыщӀэм уи нэгу щумыгъэпщкӀу, гузэвэгъум сыхэтщ, жэуап къызэт псынщӀэӀуэу.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.


– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ