9 – Адэ лъапӀэм сэ фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу, сэри фэ фӀыуэ фыслъэгъуащ. Си фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.
Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.
Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.
Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.
Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.
Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.
Фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьауэ икӀи фэ абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэссихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу.
Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.
Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.