8 ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.
ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.
Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.
– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым.
Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.
ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.
Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.
Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, фипкъкӀи фи псэкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.
Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,
ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.