Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 15:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 15:7
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.


Тхьэр зэрыхуейм тету Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ делъэӀумэ, дызэрызэхихынур дощӀэри, езым гушхуэныгъэкӀэ гъунэгъу дыхуохъу.


Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.


Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;


А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


Аращи, нывжызоӀэ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэриущийм тету фыпсэу. Фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсым фыдишэхынукъым абы щыгъуэ.


Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.


Абы зи нэӀэ тет цӀыхухэмрэ и мылъкур зезыхьэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн хуейщ, и адэм игъэува махуэм нэсыху.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ